Чэщей

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Чэще́й (лат-бз. Búxus) — лӀэужьыгъуэ зыбжанэу гуэшыжа, гъэмахуи щӀымахуи зи тхьэмпэхэр щхъуантӀэу езыхьэкӀ жыг цӀыкӀу лъэпкъыгъуэщ. Дунем чэщей лӀэужьыгъуэ 30-м нэс тетщ. Ди къэралым езыр-езыру лӀэужьыгъуищ къокӀ.

Абыхэм ящыщ тӀум ди хэгъуэгухэм уащыхуозэ лат-бз. Buxus hyrcana Pojark, лат-бз. Buxus colchica Pojark зи гугъ екӀуэкӀ чэщей лӀэужьыгъуитӀыр я теплъэкӀэ зэщхьщ — я пхъафэр щхъуафэщ е щхъуэ-гъуэплъыфэщ, цӀафтэщ, я тхьэмпэхэр хъурей-кӀыхьщ, къурэщ, цы ятеткъым. Зы гъэм и кӀуэцӀкӀэ къадидз къудамэхэр щхъуантӀэщ, банэ цӀыкӀу щатет къохъу. Гъатхэм цӀыкӀу щхьэкӀэхэм къапидзэ гъагъэхэр гъуэжьыфэщ. Бжьэм фо къыхах.

Чэщей пхъэр быдэ дыдэщ, абы адыгэхэм Ӏэмэпсымэ зэмылӀэужьыгъуэхэр (гущэ, шэнт, матэ, шынакъжьей, бжэмышх хуэдэхэр) къыхащыкӀ. Хъыбархэм къахуокӀ зэуэлӀхэм чэщейм и пхъэм фочышэ къыхащӀыкӀыу щытауэ.

Чэщейхэр къыщокӀ Шапсыгъым, Убыхым, уеблэмэ чэщей мэзхэри щыӀэщ.

НэмыщӀ цӀэхэр адыгэбзэм[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • КӀэщей — беслъэней
  • Хэщай — шапсыгъэ, кӀахэ.
  • ХьэмшутӀ — псыжь-инжыдж къэбэрдей псэлъэкӀэ


Тхыгъэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. Хьэкъун Б. Налшыч. 1992 гъ.