Тхьэрыкъуэ хэкӀыгъуэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Тхьэрыкъуэ теплъэхэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Тхьэрыкъуэ теплъэхэр
Латин цӀэр
Columbiformes
Latham, 1790
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 177038
NCBI 8929

Тхьэрыкъуэ теплъэхэр (лат-бз. Columbiformes) — лъэпкъитӀ зызэщӀэзубыдэ хэкӀыгъуэщ.

Зыхеубыдэ: дронтхэмрэ тхьэрыкъуэхэмрэ. Япэрейм хыхьэ лӀэужьыгъуищыр дунейм зэртемытыжрэ илъэс мин 40 хуэдиз мэхъу. ЕтӀуанэм хиубыдэ лӀэужьыгъуэхэр дэнэ щӀыпӀи щопсэу.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Урысейм уащыхуозэ лъэпкъигъуищым ящыщ лӀэужьыгъуэ II-м. Тхьэрыкъуэ лӀэужьыгъуэхэм я нэхъыбэр мэзхэм щыӀэщ, уащыпэщӀохуэ къырхэм, уэххэм, цӀыху псэуалъэхэм. Хъумрэ анэмрэ гъусэ гъащӀэ псомкӀэ зэхуохъу. ДжэдыкӀи 2-3 нэхъыбэ къакӀэцӀкъым. Илъэсым тӀо, нэхъыбэри къизыш яхэтщ.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ӏус нэхъыщхьэр къэкӀыгъэ жылэ, хьэпщхупщ.

Лъэпкъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Дронтхэр — дунем темытыж къуалэбзу мылъатэ пӀащэ. ЛӀэужьыгъуищ хъухэр, лъэпкъыгъуитӀым хиубыдэхэу. ХытӀыгу Маврикий, Родригес, Рейунион жыхуиӀэхэм щыпсэуахэщ.
  • Тхьэрыкъуэ лъэпкъыр.

Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.