Тхьэгъэпсо Мэжьид
Тхьэгъэпсо Мэхьмуд и къуэ Мэжьид (къыщыхъуар 1929 гъэм нъакъыгъэм и 31-м, Хьатэжъыкъуае къуажэм Шэуджэн къедзыгъуэм Адыгэ Республикэм ) — советым щыщ дзэзэшэщ, контр-адмиралщ[1], ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм хэтахэм ящыщ.
ГъащӀэм и тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Тхьэгъэпсо Мэжьид 1929 гъэм, накъыгъэм и 31-м къэхъуащ Хьатажъыкъуае къуажэм, Шэуджэн къедзыгъуэм, Адыгэ аутоном къедзыгъуэм, Краснодар къэралым деж РСФСУ-м, РССЗ, иджырей Адыгэ Республикэ Урысейм. Школыр къиуха, Киров и цӀэ Къарс и нэхъыщхьэ хыдзэ еджэщ Баку дэтыр.
Сэбийгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]1932 гъэм щыщӀэдзауэ и унагъуэм дэщӀыгъуу Николаевскэ станицэм дэсащ (иджырей Красногвардейскэ Адыгэ Республикэм). И адэ Тхьэгъэпсо Мэхьмуд яубыда яуж (1946 гъэм реабилитациэ ящӀыжа) 1934 гъэм Дэлъэшъу и анэм игъусу мэӀэпхъуэжыр. 1937 гъэм, унагъэм игъусэу Мыекъуапэ дотӀысхьэхэ. Адэншу япӀа, и адэшым и унагъуэм деж, апщыгъуэм дежи сэбий гугъу лъэжьыгъэхэмрэ тхьэмыщкӀэгъуэмрэ къыщищӀащ. Окупациэ зэманыгъуэм, «Десант МэфӀэгъуэм» идеж [2] хыдзэлӀ Хы ФӀыцӀэм хэтахэр 1942 гъэм и жэпуэгъуэм щӀалъхьэжыну ядэӀэпыкъурт. 1943 гъэм щӀышылэм и 29-м, Мыекъуапэ хуит щащӀыжьам, 9-нэ къущхьэ-шэдзыуэ мардэмрэ щӀэплъ гупымрэ ядэщӀыгъуу лъэпкъэгъу мэкъумэшыр зэфӀэгъэувэжыным яуж итащ. «Майшейпром»-мым лэжьыгъэу утащ, лэжьэнымрэ еджэнымрэ зэдигъакӀуэу. 1946 гъэм 10-нэ класыр къиухащ, Мэйкъуапэ и 6-нэ школым (иджырей 18-р).
Хыдзэм къулыкъу зэрихьар
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]1946 гъэм, Адыгей обком СЗКП щӀегъэхьэри 1950 гъэм къеухыр Киров и цӀэ Къарс и нэхъыщхьэ хыдзэ еджэщ Баку къалэм дэтыр. Киров и цӀэ КъНХЕ къызэриуху щӀалэпс лейтенант Тхьэгъэпсо М. пашэу трагъэувэ минэхэмрэ торпедэхэмрэ ящыщ къудамэм хъумакӀуэ кхъухьым Хы ФӀыцӀэм и хыдзэм. Къулыкъур ихьащ апхуэдуи хыдзэ быдапӀэхэм я кхъухьхэм, абым щыщ къалэ Поти, Керч, Севастопол джоуэ. 1951 гъэм хэтауэ щытащ минэ быдапӀэхэр хэхыжыным Луфтвафем ягъувахэтэмрэ Кригсмаринемрэ Хы ФӀыцӀэм къыхэнахэтэр Одеса и гъунэгъуу.
1952 гъэм, Хы ФӀыцӀэм и хыдзэм щыщ зэщӀэубыда кхъухьипщӀым яхэту ягъакӀуэ къулыкъур Ищхъэрэ хыдзэм ихьыну, ӀэнатӀу абдежым иубыдар нэхъыщхьэ офицеру дзэлӀ гъэсэнымкӀэ псыщхьэ хъумэным. Кхъухьым и тхьэмадэм и дэӀэпыкъуэгъу, абым нэмыщӀу кхъухьхэм я радиотехникэ гупым я тхьэмаду.
1971 гъэм Тхьэгъэпсо М. 1-й рангу капитаныр зэфӀэгъуфэным хэтащ, икӀи япэрей командиру щытащ кхъухь специалхэм Ищхъэрэ хыдзэм. Тхьэгъэпсо М. специал Ӏуэхугъуэхэр ищӀырт гъэхьэзырынымкӀэ икӀи еплъынымкӀэ иджырей ядро-Ӏэшэм, Новая Земла хы тӀыгум. 159 гупыр Ищхъэрэ хыдзэм и кхъухьхэр 1-й рагу капитан Тхьэгъэпсо М. и ӀэнатӀэм щӀэтху, зекӀуэ жыжэхэм хэту зауэ лэжьыгъэхэр зэфӀагъэкӀырт Арктикэмрэ Атлантик океанымрэ.
1978 гъэм трагъэувэ Ищхъэрэ хыдзэ бэщым и тхьэмадэм и дэӀэпыкъуэгъу нэхъыщхьэ зэуэгъуэ унафэхэмкӀэ. А ӀэнатӀэми тету фӀыуэ къэунэхуа хыдзэ пашу, кхъухь зэхэтыныгъэ зэгъэзэхуэнымкӀэ. РССЗ-м и Министырхэм я Хасэм и ӀэдакъэкӀэ Тхьэгъэпсо М. контр-адмиралу ягъэувыр[3]
1987 гъэм, илъэс 58 лъэжьыгъэу иригъэкъуауэ, илъэс 41 махуэгъэпсымкӀэ (абым щыщу илъэс 35 Ищхъэрэ хыдзэм), контр-адмирал Тхьэгъэпсо Мэжьид дзэм къыхэкӀыжащ.
Къулыкъу нэужым
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]РССЗ-м и къэралыгъуэ резервым щылэжьащ Ригэм. 1991 гъэм Хэгъуэгум Мыекъуапэ къигъэзэжьащ. Адыгэ республикэм и президентым и комисиэ цӀыху пӀалъэм теухуам и тхьэмаду, Адыгэ республикэм и президентым и чэнджэшэгъуу лъэжьащ.
Унагъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щхьэгъусэр — Раисэ, медицинэм щылажьэ; къуэ — Мурат, уардэтет; пхъу — Тамарэ, социологиэ щӀэныгъэм и кандидатщ, доцент Мыекъуапэ и къэралыгъуэ технологиэхэм я институтым. Къуэрылъхухэр Руслъэн, Заур, Рустэм, Дана.
Гу лъытыгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ↑ Министрхэм я Зэхуэс унафэмкӀ 1983 гъэм деж
- ↑ Десант МафӀэгъуэ. Специал нэтыгъэ А. Сладков еуэ
- ↑ Тхьэгъэпсо М. япэрей адыгэ Урысейм контр-адмирал ӀэнатӀэ къэзыхьар.
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Контр-адмирал М.М.Тхагапсов (урыс.)
- Контр-адмирал Тхагапсов Меджид Махмудович родом из аула Хатажукай Шовгеновского района Республики Адыгея. (урыс.)
- Награда контр-адмиралу (урыс.)
- Сайт Ветеранов Адыгеи (урыс.)
- О Комиссии по правам человека при Президенте РА (урыс.)
- В Адыгее появится полномочный представитель по правам человека (урыс.)