Таукъуэ Лъэпщыкъуэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Таукъуэ Лъэпщыкъуэ (XVIII лӀ.) — джэгуакӀуэ тхьэмадэ, уэрэдус.

Хъыбарыжьым зэрыжиӀэмкӀэ, Къетыкъуэхэ я пщылӀт; хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкӀэ, Къетыкъуэ Хьэмырзэ и джэгуакӀуэ гупым я тхьэмадэу щытащ. Лъэпщыкъуэ дунейм тетар пэжмэ, ар щыпсэуар XVIII лӀэщӀыгъуэм икухэм, и етӀуанэ Ӏыхьэм хуозэ.

Ар зи тхьэмада джэгуакӀуэ гупыр лӀибл хъурт. Тхыдэм зэрыжиӀэмкӀэ, Къэбэрдейр шу мин 15-рэ лъэсыдзэшхуэрэ хъууэ Къурей губгъуэм щыпэуващ урысеидзэм, фи быдапӀэхэр ди щӀым тефх, фи дзэри тефшыж, жаӀэри.

Зи шыжьэ емыкъуж къэралым ар щимыдэм, зауэр ирагъажьэри (1779-м и гъатхэм) мазиблкӀэ зэзэуащ, урысыдзэри фӀыуэ ирагъэкӀуэтыжащ, быдапӀэ зыбжани ягъэсащ. АрщхьэкӀэ бийр нэхъыбэт, нэхъ узэщӀат, нэхъ зэгъэпэщати, къатекӀуэри 1779 гъэм фокӀадэм и 29-м къэбэрдеидзэр Къетыкъуэ тӀуащӀэм (Псыхъурей деж) даукӀыхьащ. А зауэм Къэбэрдей Жэщтеуэ фӀащащ.

Зауэ нэужьым, зэрыхабзэу, Жэщтеуэм уэрэд хурагъэусыну Таукъуэ Лъэпщыкъуэ и пщэ иралъхьащ. Уэрэдусхэм пщӀэуэ жэмыбгъэ зырыз иратащ. ДжэгуакӀуэхэр мэзым щӀэтӀысхьэри, мэзищкӀэ уэрэдым елэжьащ. Псоми яусар зэхалъхьэжри Лъэпщыкъуэм едзыгъуибл хъууэ къыхуахьыжащ. Тхьэмадэр едаӀуэри уэрэдым щытхъуащ, ауэ, зы пщы гуэрми зимыгъэгусэн щхьэкӀэ жиӀэри, нэгъуэщӀ къыщӀэдзапӀэ хузэхилъхьащ – ар зауэр зэрекӀуэкӀам теухуа Ӏыхьэрауэ пӀэрэ, жыдоӀэ.

«Къэбэрдей жэщтеуэм и уэрэдыр» адыгэ псоми я псэм дэхьауэ, илъэс 200-м щӀигъуащи, зэрахьэ. ӀуэрыӀуатэжу зекӀуэ уэрэдхэр зэраусам хуэдэу къызэтенэ хабзэкъым. Мыбыи зэхъуэкӀыгъэ Ӏэджэ игъуэтагъэнущ, хэтаи хэуащ, хэмытаи къыхэхьагъэнущ.

Тхыгъэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • «Из истории «Песни Большого ночного нападения (песня и история)» – Налоев З. М. Из истории культуры адыгов. Нальчик, 1978, с. 100-116. (урыс.)