Сыр-сыр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Сыр-сыр
Сыр-сыр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Ӏуфэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Сыр-сыр лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Сыр-сырхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Сыр-сыр
Латин цӀэр
Gallinago gallinago
Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176700
NCBI 107377
Gallinago gallinago

Сыр-сыр (лат-бз. Gallinago gallinago) — сыр-сыр лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

БзуупцӀэм хуэдизынщ. Теплъэр фӀыцӀэ-гъуабжафэщ, кусэ гъуэжьыфэхэр, хужь-гъуафэхэр ирехэу хэлъу. Ныбэ щӀагъыр хужьыфэщ, хулъащхьэмрэ бгъэгумрэ гъуэжьыфэ мащӀэ къыщӀэуэу, кусэ фӀыцӀэхэри хэлъу. Пэ кӀыхьщ.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Еуропэмрэ Ипщэ Азиэмрэ хуабжьу зыщызубгъуа лӀэужьыгъуэщ. Къаукъазыкум куэду уащыӀуощӀэ гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ щыблэлъэтыкӀкӀэ, ауэ щыгъуалъхьэхэкъым. ЩӀымахуэр здырах щӀыпӀэхэм ящыщ КъаукъазщӀыбагъыри, ауэ нэхъыщхьэу здэлъэтэжхэр Африкэм и щӀыпӀэ щхьэхухэмрэ Ипщэ Азиэмрэщ.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ӏусым хохьэ хьэмбылу, цӀыв, хьэндырабгъуэ, мащӀэу удз жылэ. ЩышхэкӀэ сыр-сырым куэдрэ ятӀэ хъудырым, е псым и пэр хеӀу, хьэмбылу цӀыкӀу сыт къыпэщӀэхуэмэ и пӀэр къимыӀэту ирегъэнтӀрэх.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.