Республикэ Ингуш
|
Республикэ Ингуш |
|||||
|
|||||
| Къэрал уэрэд: «Гимн Ингушетии» | |||||
| Къалэнэхъышъхьэ | Магас | ||||
| И инагъыр - Псори |
81-нэ 3 513 км² |
||||
| Джылэр - Псори |
72-нэ 516 693 цӀыху (2010) |
||||
| ВРП - Зэхэту, иджырей уасэхэмкӀэ |
82-нэ 19,2 млрд. руб. (2008) |
||||
| Федерал куейхэр | Ишъхъэрэ-Къаукъаз | ||||
| Эконом куейхэр | Ишъхъэрэ-Къаукъаз | ||||
| Нэхъышъхьэбзэр | ингушыбзэ, урысыбзэ | ||||
| Президент | Юнус-бек Евкуров | ||||
| Хасэм и тхьэмадэр | Алексей Воробьёв | ||||
| Лъэпкъ зэхуэсым и тхьэмадэр | Махмуд Сакалов | ||||
| УФ-м и къэралым и кодыр | 06 | ||||
| Зэманыгъуэр | MSK (UTC+3) | ||||
Ингуш Республикэ (ингуш-бз. ГІалгІай Мохк, ур-бз. Республика Ингушетия) — Урысей Федерациэм хэт республикэ. Къалэнэхъышъхьэр Магас.
Хэтхахэр |
[гъэтэрэзын] Хэкумэтхыр
Ингушейр Ишъхъэрэ Къаукъазым хэт. И гъунапкъэхэр здыухьэр: къуэхьэпӀэм - Ишъхъэрэ Осетиэм, къуэкӀыпӀэм - Мычгышейм, ипшъэм - Курджейм.
ШӀыпӀэр ипшъэмкӀэ къушъхьу щыт, ишъхъэрэмкӀэ губгъу.Къэралым и инагъым тэрэзу хэшъыкӀыгъэ иэкъым Мычгышейм шӀыпӀэкэ пэубыдыгъэ зэриӀэм шъхьэкӀэ, абым шъхьэкӀэ зэратхыр 3 400 щыкӀэдзауэ 3 600 нэгъунэ км2.
Хьэйуар - континент къушъхьэу щыт. Курыт температурэр шӀычылэм - 3 щыкӀэдзауэ 10 нэс °C, мэкъуауэгъуэм - 21-23 °C. Уэуэ къехыр 1200 мм нос илъэсым.
Псы нэхъ инхэр: Тэрч, Сунжа, Асса.
[гъэтэрэзын] Тхыдэр
I мин илъэсыгъуэм ди лъэхъэнэм ипэм Ингушейм и шӀыпӀэм Къобан лъэпкъыгъуэр исауэ щыта. Абы щыгъуэми япэрей къэӀуэтэгъуэ къыхокӀыр вайнахлъэпкъыжьхэм ятепсэлъыхьу.
Лъэхъэнэ курытхэм дзурдзук лъэпкъ зэгуэтхэр ис шӀыпӀэм, Темырлэн 1395 гъэм имыхьа кӀышъэ хэкум. А зэманым щыгъуэ мыслымэн динри хохьэ хэкум.
1770 гъэм Ингушейр Урысей империэм хохьэ, 1860 гъэм щыкӀэдзауэ Терскэ областым хэту.
Джэпуэгъуэ револуциэм яуж 1917 гъэм, куэд мыхъу Къушъхьэ республикэ щыӀа. Советхэм я ӀэнатӀэм зэр Къауказу кӀэхьа яуж 1920 гъэм Ингушейр Къушъхьэ РССА-м хэхьа. 1924 гъэм Къушъхьэ РССА-рыр мэкуэдри абым къыхокӀ Ингуш АКу, ар 1934 гъэм Мычгыш-Ингушей АКу мэхъур (1936 гъэм щыкӀэдзауэ Мычгыш-Ингушей РССА яшъыр).
Къэралыгъуэ зауэшхуэм щыгъуэ Мычгыш-Ингушейм и лъэныкъуэ гуэрэхэр джэрмэныдзэхэм яубыдауэ щыта. Мычгышрэ ингуш лъэпкъымрэ джэрмэнхэм къадэшъахуэ къалъытэри Азиэ Курытым ирагъэкӀхэ. Мычгыш-Ингушейр администрациэ къыхэгъэкӀыгъуэ хуэду мэкӀуэд, къэрал къыбгъэдэлъхэм и шӀыпӀэр хуагуэчу.
1957 гъэм мычгышхэмрэ ингушхэмрэ пӀалъэ ярат я шӀыналъэм ягъэзэжьыфыну, Мычгыш-Ингушейр аргуэру зэфӀагъувэжь.
РССЗ-р зэхэкӀа яуж Мычгыш-Ингушейри зэхокӀхэри иджырей Мычгышейрэ Ингушейрэ мэхъухэ.
[гъэтэрэзын] Джылэр
2002 гъэмкӀэ джылэбжыгъэ ирагъэкуэкӀамкӀэ Ингушейм джылу дэсар 467 294 цӀыху. 2010 гъэмкӀэ Урысстатым и къэлъытэгъуэ щыӀэм зэригъэлъагъуэр 532 150 цӀыху.
Лъэпкъ дэсхэр (2002): ингушхэр 77,27%, мычгышхэр 20,42%, урысхэр 1,19%, пэмыкӀхэр 0,34%.
[гъэтэрэзын] Хьэблэхэр
| Хьэблэхэр, зи бжыгъэр джылу дэсым минитхум фӀэкӀыу ( Урысейпсом и джылэбжыгъэ 2002 гъэмкӀэ) |
||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||
|
[гъэтэрэзын] АдминистрациэмкӀэ гуэшыгъуэр
АдминистрациэкӀэ Ингушейр куей плӀыкӀэ мэгуэч. Республикэм къалу плӀы дэт, тӀур абыхэм къэралъым и ӀэнатӀашъхьэм кӀэтху.
| Куей | Хьэблэнэхъышъхьэр | |
|---|---|---|
| Джейрах | Джейрах | |
| Малгобек | Малгобек | |
| Назран | Назран | |
| Сунжа | Серноводскэ |
[гъэтэрэзын] Сурэтылъэр
[гъэтэрэзын] Гулъытыгъуэ
[гъэтэрэзын] ТехьэпӀэхэр
- Ингушейм и официал сайтыр (урыс.)
- ХабзэдэгъэкӀ Ингушей Республикэм (урыс.)
- Ингушейм и ӀухьэпӀэ (урыс.)
- Ингушетия.инфо (урыс.)
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса Урысейм теухуауэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |