ПцӀы Горн

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(ПцIы Горн къызыхэкӀар)
Къуапэ Горнымрэ ПцӀы Горнымрэ къыщыгъэлъэгъуауэ щӀыпӀэтхыпӀэ

ПцӀы Горн (исп-бз. Falso Cabo de Hornos) — къуапэ, архипелаг ЩӀы МафӀэм хэт тӀыгу Хосте и ныкъуэтӀыгу Хардим и ипшэ дыдэ пӀэ.

Къуапэ Горн дыдэр тӀыгу цӀыкӀум телъщ. Ауэ ар зэӀуаха иуж плъыхьакӀуэ куэдым Хосте тӀыгум и ипшэ ухыпӀэр Горн къуапэрауэ ялъытэт. Иджырей зэман Ӏэзэ хыерс апхуэдэу щыуэжхэкъым. Езы Горн къуапэр АцӀы Горн къуапэм километрэ 56-кӀэ ипшэ-къуэкӀыпӀэкӀэ нэхъ ишхъэрэу щылъщ.

КъуапэмкӀэ щыӀэ климатыр, архипелагым и адрей Ӏыхьэхэм щыӀэм хуэдэщ — жьапшэу, уэшхырилэу щытщ, гъэмахуэр щӀыӀэтыӀэу, щӀымахуэр щабэу. Температурэр илъэсым и кӀуэцӀкӀэ 0°С-рэ 15°С-рэ я зэхуакум дэтщ.

Щыугъэ щыӀэми, Горн къуапитӀри Ипшэ Америкэм и ипшэ кӀэуххэу щытхэкъым. Ипшэ Америкэм и ипшэ дыдэ пӀэуэ щытыр тӀыгу цӀыкӀу зэхэт Диего-Рамирес и ипшэ дыдэ тӀыгуращ, Ипшэ Америкэм и континент Ӏыхьэм и ипшэ дыдэ пӀэр Фроуард къуапэрщ.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]


Кординатхэр: 55°43′36″ ю. ш. 68°03′17″ з. д. / 55.726667° ю. ш. 68.054722° з. д. (G)