ПхъэцӀыч

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
ПхъэцӀыч
ПхъэкӀыч
Файл:ПхъэцӀыч.jpg
Классификациэр

ПхъэцӀычхэр

Ӏэмэпсымэ Ӏыхьлыхэр
Пхъэмбгъу пхъэцӀыч
Ӏэпхъуалъэ тӀыркъэ
Еуэхэр
ПхъэцӀычэуэ

ПхъэкӀы́ч иэ пхъэцӀы́ч — адыгэ мэкъамэ Ӏэмэпсымэхэм ящыщ, и нэхъыбэм пэмыкӀ Ӏэмэпсымэхэм ядеу кӀуэр (къэзанпшынэ, шыкӀэпшынэ, къамыл). МакӀыу пхъэкӀычхэр уэрэдхэм ядокӀыгъур. И макъыр, и лъэшыгъуэр нэхъыфӀу къыздыхэкӀыр мэкъамэ Ӏэмэпсымэ гупым щадеуэм ядежь. ПхъэкӀычым мэкъамэр кӀеубыдэр, егъэзандэ, псалъэжъым зэржьиӀэмкӀэ —

« ПхъэкӀычыр мэкъамэм и щӀопщ »

Тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ПхъэкӀычыр къызхэкӀам хъыбар бжыгъэ лъэпкъым хэлъ, абыхэм ящыщ зыр Нартхэм ятеухуа, ауэ, тхыдэм и щӀэныгъэмкӀэ арэзыгъуэ имыӀу щыт.

Нартхэм я хъыбархэм зы къэӀохугъуэ хэлъ, пхъэкӀычыр къэзхэкӀам теухуауэ. А хъыбарим къызэриӀуатэмкӀэ нарт Ащэмэзым къигупшысауэ щыта. Тхуэшэм и пхъэмб зытӀущ иупсауэ, зэбгъэгуилъхьэхэри я зы лъэныкъуэмкӀэ зэкӀэришъахэ. Ащэмэз зэригугъэтэмкӀэ къамылым и макъыр нэхъ дахэ хъут пхъэкӀычыр дэкӀыгъу щытмэ.

ЛӀэщӀыгъуэ XX ипэкӀэ, пхъэкӀычхэм хэт пхъэмбгъухэм я бжыгъэр макӀэ дыду хъут, плӀы нэхъ хэмыту я сурэткӀи бгъуэху, гъуму щытхэт. ЛӀэщӀыгъуэ XX и 30 гъэхэм щыкӀэдзауэ пхъэмбгъухэм я бжыгъэр 3-5 нэсу хъыбар къыносхэр, ЕДЗ-м яуж зэманыгъуэм пхъэкӀычым и пхъэмбгъухэм я бжыгъэр блым нэса, иджырейхэм я бжыгъэр 6 щыкӀэдзауэ 9 нэсыфыну, я сурэткӀи нэхъ Ӏузу икӀи псыгъуэху.

ЗэфӀэтыкӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ЗэхъуэкӀыгъуэ къехъулӀауэ хъуар пхъэкӀычым и нэхъыбэм зытеухуахэтэр хуэгъэзэным шъхьэкӀэ пшынэ зэгъусу зыдеуэм. Пхъэмбгъу — «пхъэмбгъупӀокӀэ цӀыкӀу», кӀыхьхэр занкӀыу зэгуэхьу щытыфынухэ иэ я кӀапэм идежькӀэ нэхъ пӀакӀэ хъуху. Пхъэмбгъухэм я зым къу фӀэт — «утыкӀ» иэ «пкъы». Пхъэмбу хъуар фэрыпскӀэ утыкӀым пышъахэ. И къур (утыкӀыр) къабзэдыду джафауэ щытын хуэй, Ӏэм банэ химыхуэн щъхьэкӀэ иэ псыбыб имышъыным.

Пхъэмбгъухэм я гъумагъыр я кӀыхьагъымкӀэ зэхуэмыду щытхэ, нэхъ зэв мэхъухэ фэпсыр здидзам дежь. Апхуэду кӀыщытыр пхъэмбгъухэр нэхъ хуиту «зэкӀэлъэлъыным» шъхьэкӀэ.

ШъэныгъэлӀхэм зэщымыщ гъэхэм пхъэкӀычым и сурэтым и тепсэлъыхьыгъуэ къагъэнахэр зэшъхьэщокӀхэ, абым хуэду:

1960 гъэхэм щыкӀэдзауэ къэӀохугъуэм итыр: кӀыхьэгъыр — мм 300-350; пхъэмбгъухэм я гъумагъыр — мм 170-180, яужым ар мм 100-170 мэхъур. Пхъэмбгъухэм я бгъуагъыр мм 40-50, яужым мм 50-100 мэхъухэр. Иджырей пхъэкӀычхэм я къум и кӀыхьагъыр мм 260-290 хуэдиз мэхъур; пхъэмгъу хэтыр 6-9, я кӀыхьагъыр мм 165-170 хъууэ, мм 45-50 я бгъуагъу, мм 4-6 гъумагъу.

ЕуэкӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ПхъэкӀычэуэхэм джэгухэм, ансамбылхэм хэтхэм, нэхъыбэм пхъэкӀычитӀ яӀэхэ, пхъэмбгъухэм я бжыгъэр зэшъхьэщыкӀху. ӀэсэмэгумкӀэ пхъэкӀыч пхъэмбгъуих хъур яубыд, ӀэижьэмкӀэ пхъэмбгъу 7-8 хъур яубыд. Апхуэдэ тӀурытӀ пхъэкӀычхэм я сурэтри я инагъри зэхьчу щытхэ псомкӀи.

Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • «Пхачич - адыгские трещотки». А.Н. Соколова. Мыекъуапэ. 2002 гъэ.

Last edited 6 years ago by YiFeiBot