ПсысхуолӀэ
| ПсысхуолӀэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Carpodacus erythrinus Pallas, 1770 |
||||||||||||||||
|
ПсысхуолӀэ (лат-бз. Carpodacus erythrinus) — бзупэгъум лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Унэбзум хуэдизщ, ауэ нэхъ псыгъуэ зэкӀужщ. Хъухэм я теплъэм плъыфэ йобэкӀ, нэхъыбэу хулъащхьэм, бгъэм, кӀащхьэм деж. ТхыцӀэм фӀыцӀафэ нэхъ къыщӀокэ; дамэхэр, кӀэр — плъыжь-гъуэбжафэщ; ныбэ, кӀэ щӀагъыр — хужьщ. Анэр щхъуэ-гъуэбжафэщ, и щӀагъыр нэхъ хужьыфэу.
Здэпэсэухэр [гъэтэрэзын]
Ди щӀыпӀэхэм нэхъ бэгъуауэ щыпсэу лӀэужьыгъуэ дахэщ. Псом хуэмыдэу абыхэм я уэрэд нэщхъеягъуэр къызыщӀэуэр гъэмахуэм нэхъ щоӀу Инжыджышхуэ, ИнжыджцӀыкӀу, Псыжъ, Тэрч, Сындж, нэгъуэщӀ псыхъуэхэм.
Щопсэу КъуэкӀыпӀэ Еуропэм, Сыбырым, Азиэм. ЩӀымахуэр щрех Индиэмрэ Хъутейм и ипщэ-къуэкӀыпӀэмрэ. Щогъуалъхьэ мэз лъапэхэм, гъурцхэм, псыхъуэ мэзхэм, жыг хадэхэм, дзэл, екӀэпцӀэ гуэрэн зэрыт мэкъупӀэ псыӀэхэм. Абгъуэр зыщӀри гъуэлъхьэжри анэм и закъуэщж
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Ӏус нэхъыщхьэр — жылэ, мэракӀуэ, удз гъэгъа; нэхъ мащӀэу — хьэпщхупщ, гъудэбадзэ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.