Мэзтхьэрыкъуэф

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Мэзтхьэрыкъуэф
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Гъэгъахэр
ХэкӀ: Dicotylédones
ХэкӀыгъуэ: Asterales
Лъэпкъ: Asteraceae
Лъэпкъыгъуэ: Мэзтхьэрыкъуэфхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Мэзтхьэрыкъуэф
Латин цӀэр
Tussilago
Linnaeus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 38582
NCBI 118777

Мэзтхьэрыкъуэф (лат-бз. Tussilago farfara) — илъэс куэдкӀэ къэкӀ, лъабжьэжь зиӀэ къэкӀыгъэщ.

НэмыщӀ цӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Адыгэбзэм мы къэкӀыгъэм цӀэ бжыгъэ зэрехьэр, ахэр: анэрэ-анэнэпӀэсрэ (урысыбзэм зэрхэтым хуэду псалъэхэр зэдзэкӀауэращ адыгэбзэм), Ӏэдэ́м и цей, тхьэрыкъуэфдэгу.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхьэмпэ, къудамэ зытемыт и пкъыр гъатхэм пасу (гъатхэпэмазэм) щӀым къыхокӀри см 10-20-кӀэ докӀей, см 2-2,5-рэ зи инагъ щхьэ гъуэжь къещӀ. Жылэхэр псынщӀэу мэхъури полъэлъыж, пкъыри мэгъуэлэж. Абы иужкӀэ кӀы кӀыхь зиӀэ тхьэмпэ хъурей инхэр къыдедз. Тхьэмпэ щӀагъым цы щабэ цӀыкӀу тетщ, и гущӀыӀур цӀафтэщ. Удзым и тхьэмпэ щӀыӀум гъатхэ, гъэмахуэ жэщхэм, пщэдджыжьыпэхэм уэсэпсыр Ӏуву тохьэ, тхьэмпэщӀагъыр зэрыгъущу къонэ.

КъыздэкӀыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Удзыр къыщокӀ псыхъуэхэм, мэз лъапэхэм, щӀыпӀэ псыӀэхэм, псынащхьэхэм.

Къэгъэщхьэпэгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хущхъуэу къагъэсэбэп. Бжьэхэм гъэгъахэм фо къыхах.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Эльбрус». Налшыч 1992 гъ.