Мэзтхьэрыкъуэ
| Мэзтхьэрыкъуэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Streptopelia turtur Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
|
Мэзтхьэрыкъуэ (лат-бз. Streptopelia turtur) — тхьэрыкъуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Губгъуэтхьэрыкъуэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀущ, ауэ нэхъ зэкӀущ. ТхыцӀэр гъуабжэ-къуэлэнщ. ПсынщӀэу мэлъатэ, фӀыуи зокӀуэ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Еуропэм, Азиэм, Африкэм, Сыбырым, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми я мэзхэм, гъурцхэм щопсэу. Къаукъазым щогъуалъхьэ, тӀо къыреш, мэлъэтэж. Абгъуэр жыг къудамэхэм щещӀ. Къудамэхэм тесыну фӀыуэ елъагъу. Щышхэнумрэ псы щефэнумрэ нэхъ щӀылъэм къетӀысэхкъым. Ар къызэрыкӀуэ дыдэщ: къуацэ гъур зэтелъщ. Жьыбгъэр ину къеуэмэ апхуэдэ абгъуэр къекӀурэхынкӀэ мэхъу. Шырхэр шызэзауэкӀэ апхуэдэ къабхэщ — абгъуэ тӀасхъэм хуэшэчкъым. Ауэ жыӀэн хуейщ, мэзтхьэрыкъуэхэм я абгъуэ щӀыпӀэхэр зыщӀыпӀэм къыщымынауэ зэщымыщщ: ахэр къыщагъуэтащ жыг къудамэхэм я зэгуэкӀыпӀэхэм къанэмыщӀауэ унэ инхэм я бжьыхьэкӀапэхэми, гъэш фермэхэм я бгыкъуэхэми, урамхэм я деж лампӀ зыкӀэрыщӀа пкъохэми.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.