Мэзбжэн

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Мэзбжэн
Мэзбжэн
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Хордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ИнфрэхэкӀ: Placentalia
ХэкӀыгъуэ: ЛъапэтӀуанэхэ
ХэкӀыгъуэ къуэдзэ: ГъэнышкӀухэ
Лъэпкъ: Шъыхьхэ
Лъэпкъыгъуэ: Мэзбджэнхэ
ЛӀэужъыгъуэ: Мэзбджэн
Латин цӀэр
Capreolus capreolus Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Мэзбжэн (лат-бз.: Capreolus capreolus, ур-бз.: Косуля европейская) — шэрыпӀ псэушъхьа, шъыхь лъэпӀкъым ящыщу.

АплъэпӀкъыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Шъыхь мы иным ехьч, пӀкъы кӀэкӀ иӀу, икӀэ лъэныкъуэр нэхъ бгъуэуэ щыту игупэ лъэныкъуэм нэхърэ. Яхьалъагъыр хъухэм - кг. 22-32, якӀыхьагъыр - см. 108-126, ялъэгагъыр - см. 66-81. Бзыхэр нэхъ цӀыкӀухэ, ауэ хъухэмрэ бзыхэмрэ яаплъэпӀкъыр Ӏэуэ зэшъхьащыкӀкъым.

Шъхьар кӀэкӀ, пэмкӀэ памцӀэ хъууэ, ауэ нэхэм иде хуэлъагу, бгъуэуэ щыт. ТхьакӀумэхэр кӀыхь ( см. 12-14 ), хуэхъурейху, памцӀэху. Нэхэр ин, назу щыту. Пшъэр кӀыхь, хъухэм яр нэхъ бгъуэуэ бзыхэм ям нэхърэ. Лъакъуэхэр псыгъуэ-кӀыхь, гупэхэр нэхъкӀэкӀ кӀыбыхэм нэхърэ, абы шъхьакӀэ кӀыбыр егъэзыхауэ щыт, тхыцӀэр см. 3 Ӏатауэ иблъэпӀкъым нэхърэ. КӀапэр кӀэкӀыбзэ ( см. 2-3 ) цым къыхэщкъым. Лъапэхэр зэву, памцӀу, кӀэкӀыу щытхэ.

Бжъакъуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Бжъакъуэ зиӀар хъухэра, ину щытхэкъым (см. 15-30 якӀыхьагъу, см. 10-15 язэхуакум дэлъу), занду къыхэкӀху ишъхьам идежь тӀэкӀу гъэчахэ икӀагъымкӀэ нэхъ зэбгъэдэтхэ.

Бжьакъуэхэм къэкӀын щыкӀадзэр чырыр мэзипӀлӀ щыхъум идей, илъэс-илъэсрэ ныкъуэрэ щыхъукӀэ бач цӀыкӀуитӀу щытхэ см. 10-15 хъууэ. ЩызэфӀэувэхэр илъэсищ щырикъум идей.

Гъэ къэс бжъакъуэхэр япохур жэпуэгъуэ-дыгъэгъазэм, япэ кӀышъэ жьхэм, яужкӀэ нэхъ кӀалэхэм. КӀэхэм къэкӀын щыкӀадзэр зы мазэ текӀа яуж. Псоуэ къэкӀауэ, щызэфӀэувэхэр гъатхэпэ-мэлыжьыхьым; мэлыжьыхь-накъыгъэм бжъакъуэхэр быдэ мэхъухэри жыгхэм япӀкъымрэ, къудамэхэмрэ щахъуэн кӀадзэ, фэ къытенэжьахэр кӀэраху

Фэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ин хъуахэм я фэр зыуэ, мы къуэлэну щыт, хъухэмрэ бзыхэмрэ яри зэхуэду. ШӀымахуэм япкъыр псыфу иэ псыфэ-гъуабджу щыт, зэзэмызэкӀэ хуэплъыжьу, икӀыбагъым тхыцӀэм идежь гъуабдж-къуафӀцӀэ хъууэ. ИкӀагъымкӀэ ныбэмрэ лъакъуэхэмрэ ядекӀэ нэхъ хужьу мэхъу, гъуэжьыфэ-пшахъуэфу. Лъакъуэ кӀыбхэм ишъхьам идежь, кӀапэм ихъуреягъыр хужьу иэ плъыжьыху щыт. Лъакъуэхэр икӀагъымкӀэ плъыжьыху хъуурэ йххэ. Шхьамрэ тхьакӀумэхэмрэ кӀыфэм хуэду щытхэ, иэ тэкӀу нэхъ гъуэбджафэхэ. ЖэпӀкъкӀагъыр хужьу щыт пэм ихъуреягъымрэ, Ӏупашъхьамрэ фӀыцӀу щытхэ.

Гъэмахуэм пӀкъымрэ пшъэмрэ зэхуэду плъыжьыфу щыт; ныбэр плъыжьыфэху; шъхьар псыфу хуэ плъыжьыфу

Чырхэм яфэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Чыр къалъхуагъакӀэхэм яфэр уэгу щыт, къэкӀыгъэхэм къыхимыгъэщу. Езы фэр гъуэжь-плъыжьыфу щыт, ныбэмкӀэ пшахъуафу щыту. КӀыбымрэ бгъумкӀэ щырыщу хужь хэпхъауэ ирокӀуэ. ИкумкӀэ ирикӀуэхэр нэхъ къыхощхэ. Мазэ 2-3 идей, фэр нэхъ къуафӀцӀэ мэхъур, гъуабджафэ-плъыжьыфэ хъууэ. Цы плъыжьфэр къыхэкӀыурэ уэгу хэлъахэр хом-хомурэ хокӀыжьыр

Здэпсохэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Мэз бджэнхэм яшӀыпӀэ здэпсом Еуропэ псор хеубыдэ Урысейм и еуропэ лъэныкъуэри дэкӀыгъу. Къаукъаз КӀыбыр, Япэрей Азиэ ( Тыркур, Шамыр, Иракым ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэр, Ираным и къуэхьапӀэ ) Ливанымрэ Джуртымрэ мэз бджэнхэр къынэжьакъым.

Урысем зэр еуропэ лъэныкъу щопсоухэ, Карелым къыщыкӀэдзауэ УралымкӀэ ирокӀуэри Къэукъазым къыносыр .

ЗэрзэшъхьащыкӀхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Еуропей мэз бджэныр шӀыпӀэ здэпсом елъытауэ зэшъхьащокӀыр ифэр, иинагъыр. Апхуэдэм здэпсоумкӀэ лъэпӀкъ цӀыкӀу-цӀыкӀурэ ягуэчу зэхагъэкӀхэ.

Иджыпсту нэхъ къыхагъэкӀхэр лъэпӀкъ-цӀыкӀуит хуит хуэду. Зэбгырыдзауэ, адрей мэз бджэнхэм япэджыжьу зэрыпсоуам шъхькӀэ нэхъ ямыхьчу щытхэ:

  • Capreolus capreolus italicus. Урымым икумрэ ипшъэ лъэныкъуэмрэ щопсоу.
  • Capreolus capreolus garganta. Игъэмахуэцыр псыфу зэрщытымкӀэ къыхагъэкӀ. Эспаным ипшъэм щопсо

Къуакъазым имэз бджэн инхэр зэзэмызэкӀэ Capreolus capreolus caucasicus джоуэ лъэпӀкъ-цӀыкӀу ялъытэ

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]