Мычгышей
|
Мычгыш Республикэ |
|||||
|
|||||
| Къэрал уэрэд: «Мычгышейм и къэрал уэрэдыр» | |||||
| Къалэ нэхъышъхьэр | Грознэ | ||||
| И инагъыр - Псори |
75-нэ 15 647 км² |
||||
| Джылэр - Псори |
44-нэ 1 268 042 цӀыху (2010) |
||||
| ВРП - Зэхэту, иджырей уасэхэмкӀэ |
65,6 млрд. руб. (2008) |
||||
| Федерал куейхэр | Ишъхъэрэ-Къаукъаз | ||||
| Эконом куейхэр | Ишъхъэрэ-Къаукъаз | ||||
| Нэхъышъхьэбзэр | урысыбзэ, мычгышыбзэ | ||||
| Республикэм и тхьэмадэр | Къадыр Рэмэзан | ||||
| Хасэм и тхьэмадэр | БайсулътӀан Одес | ||||
| Парламентым и тхьэмадэр | Абдурахьман Дукваха | ||||
| УФ-м и къэралым и кодыр | 20, 95 | ||||
| Зэманыгъуэр | MSK (UTC+3) | ||||
Мычгышей, Мычгыш Республикэ (мыч-бз. Нохчийн Республика, Нохчийчьо, ур-бз. Чеченская Республика, Чечня) — республикэ Урысейм хиубыдэ. Къалэ нэхъышъхьэр — Грознэ.
Хэтхахэр |
Хэкумэтхыр [гъэтэрэзын]
Мычгыш къэралыр Ишъхъэрэ Къаукъазым хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэхэр: къуэхьэпӀэмкӀэ — Ингушымрэ Ишъхъэрэ Осетиэмрэ, ишъхъэрэм — Ставропол къэралым, къуэкӀыпӀэмкӀэ — Дагъыстэным, ипшъэмкӀэ — Курджейм.
ШӀыпӀэр ишъхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ губгъу щыт (Тэрч губгъуэ), ипшъэмкӀэ къушъхьу, Къаукъаз Ӏуашъхьэшхуэхэр ирокӀуэ.
Псы нэхъ инхэр — Тэрч, Сунжа, Аргун. Мычгышейм и Веденской куейм Къозэн-Ӏэм (мыч-бз. Къоьвзанан Іам) псыхъурей дэт, Ипшъэ Къаукъазым и нэхъ ин, и нэхъ куу.
Тхыдэр [гъэтэрэзын]
Мычгышхэм я хабзэкӀэ счыгъуи унагъуэ-лъэпкъэгъу (тейп) зэхэтхэт, ахэр тукхумху зэхэхьэжьху. Лъэпкъ нэхъ гъунэгу мычгышхэм яхущытхэр ингушхэра, зэхэтху лъэпкъ гуп вайнаххэр мэхъухэ.
Курыт лъэхъэнэхэм Мычгышейм и шӀыпӀэр Аланиэм хиубыдэт. XIX лъэхъэнэм Урыс империэм и гъунапкъэхэр хигъэкӀуэтэн кӀедзэри Урыс-Къаукъа зауэр къыхокӀ абым. Мычгышым а зауэр 1860 гъэм еухыр. Револуциэ 1917 гъэм щыӀэм нэс Мычгышейр Урыс империэм и Терскэ областым хэта.
ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ МИРССА-м и шӀыпӀэр джэрмэныдзэм оккупациэ ишъат, абым шъхьэкӀэ 1944 гъэм мычгыш джылэмрэ ингуш джылэмрэ Курыт Азиэм ирагъэкӀахэ, джэрмэныдзэм дэӀэпыкъуэгъу хуашъауэ тралъхьэри лъэпкъхэм. МИРССА-р ликвидациэ яшъри абым ипӀэкӀэ Грознэ област халъхьэ.
1957 гъэм МИРССА-р зафӀагъувэжь.
1991 гъэм РССЗ-р зэгохур, къэралым и ӀэнатӀашъхьэр къэрууншэ мэхъур, Мычгыш Республикэ Нохчи-чо (Ичкериэ) къыхагъэкӀ, и тхьэмаду техьэр Дудай Джохар. Мычгышейм и хутыныгъэр дунейм и зы къэралым къилъытакъым Урысейри яхэту.
1994 гъэм Япэрей мычгышей зауэр йокӀуэкӀ, 1996 гъэм нэгъунэ, Хасавюрт тхылъхэр кӀэтхэнымкӀэ еухыр, абыхэм зэритымкӀэ Урысейм и дзэхэр Мычгышейм къыдичыжьын хуэйт. Къэралыр Ӏэуэ хэкӀуэдат зауэ нэужым.
1999 гъэм ЕтӀуанэ мычгышей зауэр кӀедзэ, 2000 гъэм нэс зауэр йокӀуэкӀ, Урысейм и ӀэнатӀэм кӀегъэхьэжь къэралыр.
2009 гъэм контыртеррор лэжьыгъэр щагъэтыжь, ауэ зауэ иухам хуэсакъыгъэ хузэрахьэ, иджыри къыздынэсым террористыгъэм и зэраныгъуэ куэду къонэ.
Къэрал-политикэ зэхэтыкӀэр [гъэтэрэзын]
Хэбзэ нэхъышъхьу щытыр Конституциэ, 2003 гъатхэпэм и 23-м къыдагъэкӀар.
Мычгыш Республикэм и нэхъышъхьу щытыр президент (2011 гъэм щыкӀэдзауэ ӀэнатӀэпӀашъхьэм зэреджэнур тхьэмадэ). 2007 щыкӀэдзауэ къэралым и президентыр Къадыр Рэмэзан.
Парламентым 41 депутату хэт, илъэситхукӀэ хаххэр.
Джылэр [гъэтэрэзын]
Росстатым зэригъэлъагъуэмкӀэ, 2010 гъэм джылу дэсым и бжыгъэр 1 267 740 цӀыху хъут. Ӏувагъыр — 85 цӀыху/км². Къалэдэсу джылэм къахэкӀар 35,3 %.
Абсолуту джылэм и нэхъыбэр мычгышхэра (95,5 %). ПэмыкӀыу дэсхэр урысхэр, къумукъухэр, авархэр, нэгъуейхэр, ингушхэр.
| 2002 гъэмкэ лэпкъ дэсахэр | |
|---|---|
| Лъэпкъ | Бжыгъэр[1], мин цӀыху |
| Мычгышхэр | 1 031,6 (93,5 %) |
| Урысхэр | 40,6 (3,7 %) |
| Къумукъухэр | 8,9 |
| Авархэр | 4,1 |
| Нэгъуэйхэр | 3,6 |
| Ингушхэр | 2,9 |
| Къэзанхэр | 2,1 |
| Тыркухэр | 1,7 |
|
1000 фӀэкӀыра |
|
Хьэблэхэр [гъэтэрэзын]
| Мин 10 фӀэкӀыу джылэ здыдэс хьэблэхэр 2009 щӀшылэм и 1-мкӀэ |
||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||
|
Экономикэр [гъэтэрэзын]
Мычгышейм и нэхъышъхьэ лэжьыгъу экономикэр зпылъыр фатэгынымрэ гас къыкӀэхынымрэ елэжьынымрэ, абым пэмыкӀыу губгъуэ лэжьыгъэхэр. Мычгышейм и фабрикэхэр зауэ нэужым куэду хэкӀуэдахэ.
Администациэ гуэшыгъуэр [гъэтэрэзын]
Къэралым и къалэ нэхъышъхьу щытыр Грознэ, пэмыкӀыу къалэ джоуэ пӀэ зиӀэхэр хьэблэ Аргунрэ Гудермесрэ. АдминистрациэкӀэ Мычгышейр куеё 15 мэгъуэшыр.
Гулъытыгъуэхэр [гъэтэрэзын]
ТехьэпӀэхэр [гъэтэрэзын]
| Мычгышей Уикисурэтылъэм? |
- Мычгышейм я Президентымрэ Хасэмрэ я сайтыр
- Мычгышейм и Финанс министерствэм и сайт
- Хъыбархэр, тхыдэр, културэр, хабзэхэр, экономикэр мычгышхэм
- Мычгыш къэралыр католог «Вся Россиям»
|
|
|
|---|---|
| Урысей Федерациэм и хэкухэр | Адыгей • Дагъыстэн • Ингушей • Ишъхъэрэ Осетиэ • Краснодар край • Къэбэрдей-Балъкъэр • Къэрэшей-Шэрджэс • Мычгышей • Ставропол край |
| Къэралхэр | Азэрбиджан (Нахичеван) • Ермэлы • Хъырцей (Аджариэ • Автоном Республикэ Азгъей) |
| Дунейпсом къамылъыта къэралхэр | Азгъей • Ипшъэ Осетиэ • Къушъхьа-Карабах Республикэ |