Мысыркъаз
Къыздихар Уикипедиэ
| Мысыркъаз | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Alopochen aegyptiaca Linnaeus, 1766 |
||||||||||||||||
|
Мысыркъаз (лат-бз. Alopochen aegyptiacus) — бабыщ теплъэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Пкъыр зэкӀужщ: пщэ псыгъуэщ, лъакъуэ лъагэщ, дамэбгъуэщ, цы Ӏув дахэ тетщ. Теплъэр: тхыцӀэр щхъуэрэ фӀыцӀэрэщ, ныбэ щӀагъыр гъуэжь-гъуэбжафэщ кусэ фӀыцӀэхэмрэ хужьхэмрэ зэпырыкӀыу. И дамэкӀэ къабзий пхъашэхэр фӀыцӀэ-лыдщ. Хуабжьу лъэрыхьщ: псынщӀэу къежыхь, дэгъуи йос икӀи макъ къигъэӀуу.
Здэпсэухэмрэ щэнымрэ [гъэтэрэзын]
Нэхъыщхьэу мы къаз лӀэужьыгъуэр здэпсэур Мысырым Нил псыхъуэмрэ Африкэм и тропик щӀыпӀэхэмрэщ. Абгъуэр щӀыщхьэ гъущэми псыпцӀащхьэми щещӀ, ауэ нэхъыбэрэ здэгъуалъхьэ хабзэр жыгыщхьэмрэ къыр дапкъэхэмрэщ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.