МывэкӀэпыс
Къыздихар Уикипедиэ
| МывэкӀэпыс | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Motacilla alba Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
|
МывэкӀэпыс (лат-бз. Motacilla alba) — мывэкӀэпыс лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Унэбзум хуэдизынщ, ауэ зэкӀущ, лъакъуэ псыгъуэ кӀыхьщ. И кӀэри кӀыхьщ — см. 10 хуэдиз мэхъу. Ар и пкъым хуэдизщ. Теплъэ нэхъыщхьэр хужьрэ щхъуэрэщ. Жьэгъур, бгъащхьэр, щхьэщыгур, пщэ щӀыбыр, кӀэр (къабзий гъунэхэр) — фӀыцӀэщ. Дамэхэр гъуабжэ-щхъуафэщ, кусэ хужьхэр хэлъу.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Щопсэу Еуропэм, Африкэм. Къаукъазым щӀымахуэр щизыхи къахокӀ. Нэхъ щыплъагъур псыхъуэхэращ. Абгъуэр щӀыпӀэ зэхуэмыдэхэм щещӀ — унащхьэм, пкӀэхэм, бжьыхьэкӀапэхэм, къуацэ, пхъэ зэтелъхэм.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
МывэкӀэпысхэр здэщакӀуэр щӀылъэращ. УдыпцӀэ тафэм, псыӀуфэ пшахъуэм, мывэкӀэщхъым къыщажыхьурэ къапэщӀэхуэ хьэпщхупщыр, гъудэбадзэр къаубыд. Былым ӀыгъыпӀэхэм я гъунэгъуу гъудэ, аргъуей куэд яшх, сэбэп ини мэхъу.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.