Къэзэнокъуэ Жэбагъы

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къэзэнокъуэ Жэбагъы
Сурэт
И лэжьыгъэр: Пщы-чэнджэшэгъу
ХеящӀэ
Къыщыхъуар: 1684(1684)
Къыздэхъуар: Къэзэныкъуэй (Къэбэрдей пщыгъуэ)
Дунейм щехыжар: 1750(1750)
Дунейм здехыжар: Къэбэрдей пщыгъуэ
Къэрал зыщыщтэр: Къэбэрдэй Пщыгъуэ
Диныр: Ислъам
Лъэпкъыр: Aдыгэ

Къэзэнокъуэ Жэбагъы (1684 — 1750) — Адыгэ Хабзэм куэд хэзылъхьа, и губзыгъагъэм и хъыбар Къэбэрдей пщыгъуэм икӀауэ, щӀыпӀэ бжъыгъэхэм къаӀуэхут, Хьэтохъущокъуэ Кургъокъуэ и щауэгъусэт, Къанжал зауэм хэтащ.

Адыгэ ӀуэрыӀуатэм щыгъунэжщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр. Илъэс щищым нэблэгъауэ, адыгэхэм къадогъуэгурыкӀуэ а хъыбархэр, нобэр къыздэсми яӀуатэр. Къэбэрдейм и тхыдэм лъэужьышхуэ къыхимынатэмэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр гъащӀэ кӀыхь хъунтэкъым. И цӀэр щӀэблэм щӀащымыгъупщэн фӀыщӀэ щиӀэщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и тхыдэм, аращ и цӀэри и хъыбархэри уахътыншэ щӀэхъуар.

Гъашъэтхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Бахъсэн псыхъуэм, Зеикъуэ къуажэм и лъэныкъуэм деж, иджыпсту КъэзэныкъуэйкӀэ щӀыпӀэ зэджэм — 1684 гъэм, Къэзэнокъуэ Жэбагъы къэхъуащ. Унагъуэ къызхэкӀам и хъыбар къынэсакъым ди зэманым, ауэ и гъашътхыдэм щыщ къэӀуэтыгъуэхэр къэнащ.

Илъэс 25 ирикъуауэ хеящӀу (лъэпкъым хах къадыуэ щыта, ауэ къадым мыслъымэн хабзэкӀэ зэпэубыдыгъуэхэр зэфӀигъэкӀтэмэ, хеящӀэр адыгэ хабзэм тетырт) техьа хъуащ, и губзыгъагъэмкӀэрэ и псалъэмкӀэрэ зэпыубыдыгъуэ бжэным теухуар зэфӀигъэкӀауэ.

Дунейм тетыху, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зыщӀэкъуар Къэбэрдейм и Ӏуэху зэрыдэкӀынырщ, хабзэмрэ захуагъэмрэ я лъабжьэр гъэбыдэнырщ, цӀыхум я псэукӀэр егъэфӀэкӀуэнырщ. Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкӀэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зи псалъэм пщӀэ иӀэ, зи акъылыр жыжьэ нэплъыс, захуагъэм ирилажьэ цӀыху губзыгъэщ, къэрал лэжьакӀуэщ, хэкумрэ къэбэрдей лъэпкъымрэ фӀыгъуэ зэрахуилэжьыныр къалэн зыщищӀыжауэ. А къалэныр хузэфӀэмыкӀамэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и цӀэмрэ и хъыбархэмрэ нобэ къэсынтэкъым.

Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр езыр-езырурэ къежьащ, ахэр зыми зэхилъхьакъым икӀи къигупсысакъым: лӀы Ӏущым далъагъу ӀуэхущӀафэхэр зэхуаӀуэтэжурэ жылэм хэӀуэри ӀуэрыӀуатэ лӀэужьыгъуэ хъуащ.

Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр щӀаӀуатэр Къэбэрдейм и закъуэкъым, абыхэм ущрохьэлӀэ Шэрджэсми Адыгейми; Къэзэнокъуэм и цӀи и хъыбархэри ящӀэ ди гъунэгъу лъэпкъхэми.

Псалъэ пэж куэд къызэринэкӀащ Къэзэнокъуэ Жэбагъы, абыхэм нобэр къыздэсым Жэбагъы и псалъэкӀэ йоджэ. Къэзэнокъуэ Жэбагъы къызэринэкӀа псалъэ Ӏущхэр адыгэ псалъэжьхэм хэзэрыхьыжауэ къогъуэгурыкӀуэ.

Къэзэнокъуэ Жэбагъы 1750 гъэм дунейм ехыжа, и акъылрэ и ӀуэхущӀафэкӀэ цӀэрыӀуэ дыдэ хъуауэ.

КъыщӀэна псалъэжьхэм ящыщ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • «Губзыгъэм и лъапсэр чэнджэщщ»
  • «Бзаджэр пэшэгъу фымыщӀ, мыгъуэ фыхъунщ»
  • «Бжьыхьэр къуэлейщ»
  • «ГъащӀэр зы напӀэщ, напэ уимыӀэу улӀэжмэ, улӀэпащ.»
  • «Дахэм къимыхьыр Ӏейм къихьыркъым»
  • «Къэбублэ хабзэщ»
  • «Чэнджащэр щыуэркъым»
  • «Ӏэщэ зыгъэдалъэм илъ япэ мажэ»

ТехьэпэӀхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]