КъэбцӀацӀэжьэгъуху
Къыздихар Уикипедиэ
| КъэбцӀацӀэжьэгъуху | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Sitta krueperi Pelzeln, 1863 |
||||||||||||||||
|
КъэбцӀацӀэжьэгъуху (лат-бз. Sitta krueperi) — къэбцӀацӀэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Щхьэщыгур къанэ щӀагъуэ щымыӀэу фӀыцӀэщ, тхыцӀэри фӀыцӀэщ щӀыхуфэ къыщӀэуэу, ныбэ щӀагъыр щӀыху-хужьыфэщ, жьэгъумрэ щхьэбгъухэмрэ хужьщ, нэхэм яхуэзанщӀэу кусэ фӀыцӀэхэр ирокӀуэкӀ. Лъэтэн щӀэзыдза къуэдейхэм я щхьэщыгури тхыцӀэри зэхуэдэщ я теплъэкӀэ, бгъэгур гъуабжафэщ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
КъэбцӀацӀэжьэгъухур щогъуалъхьэ Ищхъэрэ-КъуэкӀыпӀэ Къаукъазым и кхъуакӀэ мэзхэм, нэхъыбэу псей къызэбэкӀхэм, къапщтэмэ Ӏаткъуаджэ, Къаукъаз къуэдэщым, Абазэшхуэм, Хъырцейм. И щыӀэкӀэ-псэукӀэр къызэрыкӀуэу къэбцӀацӀэм ейм къызэрыщхьэщыкӀыр мащӀэщ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.