Къащ
Къыздихар Уикипедиэ
| Къащ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Certhia familiaris Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
|
Къащ (лат-бз. Certhia familiaris) — къащ лъэпкъым щыщщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Инкъым. ЩӀыбыр щхъуэ-гъуабжафэщ, хужь ӀэпапӀэ цӀыкӀухэр хэгъэтӀысхьащ, ныбэ щӀагъыр шылэ-хужьыфэщ, щхьэбгъухэм ирокӀуэкӀ кусэ хужь. ТеплъэкӀэ ещхь дыдэщ и лъэпкъэгъу къащныбэхум. Пэ кӀыхьщ, гъубжэ сурэту гъэшауэ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Къаукъазым къинэмыщӀауэ щопсэу Урысейм, Еуропэмрэ Азиэмрэ я мэзхэм. Абгъуэ щещӀ жыг гъуанэжьхэм, пхъафэ къыкӀэрыкӀыпӀэхэм. ШыщхьэӀум и пэхэм ин хъуа я шырхэр ящӀыгъуу къащхэр гуп-гупу мэӀэпхъуэ шхын лъыхъуэу. Апщыгъуэм щыплъагъунущ паркхэм, жыг хадэхэм, псыӀуфэ зэщӀэкӀахэм.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Ӏусым нэхъыбэу хохьэ цӀыв, хьэпӀацӀэ жьгъей, нэхъ мащӀэу — бэдж, щыгъыныхь, н.къ. бжыхьэм куэду яшх удз жылэ. Къащхэр хуабжу мэщхьэпэ мэзым, жыг хадэм.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.