Къазхэр
Къыздихар Уикипедиэ
| Къазхэр | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Anser Brisson, 1760 |
||||||||||||||||
|
Къазхэр (лат-бз. Anser) — аращ зэреджэр къуалэбзухэм я нэхъ пӀащэ гупу къаз теплъэкӀэ зэджэм щыщ зэрызхэм.
Ӏэлхэу, Ӏэсэхэу зэгуокӀ, лӀэужьыгъуэ бэуэ зэщхьэщыкӀхэу.
Адрей къуалэбзу хэкӀыгъуэхэм ялъытауэ къазхэр фӀыуэ мэхъуакӀуэ, псы фӀыуэ ялъагъу, щӀыӀэкӀэ бэшэч, къабзий пхъашэхэр, цыр — быдэщ, кӀынтӀэщ, псы хыхьэкъым, хуабэр иӀыгъщ.
Къазылыр ӀэфӀщ, маещ, и тхьэмщӀыгъур хущхъуэщ. ЦӀыхум ижь-ижьыж лъандэрэ къазыр къигъэӀэсауэ унэм щехъу. Иужьырей илъэс 60-70-м къаз хъуныгъэм хуабжьу зиужьащ.
ЗэхэгъэкӀыгъэр [гъэтэрэзын]
Къаз лъэпкъыгъуэм лӀэужьыгъуэ 11 хохьэ, абыхэми лӀэужьыгъуэ къуэдзэ зытӀущ зыхиубыдэжьу, ахэр:
- Anser albifrons
- Губгъуэкъаз Anser anser
- КъазфӀыцӀащхъуэпагуэ Anser brachyrhynchus
- Anser cygnoides
- Anser erythropus
- КъазфӀыцӀащхъуэ Anser fabalis
- Къущхьэкъаз Anser indicus
- Anser serrirostris
- Къазхужь Anser caerulescens
- Chen canagica
- Anser rossii
Еплъ иджыри [гъэтэрэзын]
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.