Куракущ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Куракущ
Куракущ
Куракущ (хъур)
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къаз теплъэхэр
Лъэпкъ: Бабыщхэр
Лъэпкъыгъуэ: Куракущхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Куракущ
Латин цӀэр
Aythya fuligula Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175135
NCBI 219594
Aythya fuligula f.
Aythya fuligula

Кураку́щ (лат-бз. Aythya fuligula) — бабыщ лъэпкъэгъум щыщщ, пӀащэщ. ФӀыуэ псым йос икӀи зыщӀегъэмбырыуэ.

Хъумрэ анэ (псэущхьэ)мрэ зэщхькъым, япэрем и щхьэр щхъуэ-плъыфэщ, тхыцӀэр щхъуэ-щхъуэнтӀафэщ, Ӏэпапэ цӀыкӀухэр хэлъу. Анэм и гупэр гъуабжэ-морафэщ, жьэгъумрэ пэ гъунэхэмрэ хужьыфэ къащӀэуэу.

Куракущхэр щогъуалъхьэ Ищхьэрэ Америкэм и къуэхьэпӀэм, Еуропэмрэ Азиэмрэ, Байкал хыкъумым Азиэ Курытымрэ нэсу, бгъэн, камыл нэгъуэщӀ къэкӀыгъэ лъагэхэр зи Ӏуфэ къыщыкӀ псы ежэххэм, хыхэм, хыкъумхэм. Ищхъэрэ Къаукъазым куракущыр щыплъэгъунущ Псыжърэ Тэрчрэ я пэ хы хэлъэдэпӀэхэм, Хы ФӀыцӀэ Ӏуфэм. И нэхъыбэм мэлъэтэж.

Шырхэм псынщӀу заужь, мазитӀ ныбжьым фӀыуэ къалъэтыхь. Апщыгъуэми ахэр гупышхуэ зэрыгъэхъуурэ Ӏэпхъуэурэ псэун щӀадзэ. Илъэсым тӀо цы япхъыж — гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ. Куракущхэм я Ӏусым хохьэ къэкӀыгъэхэмрэ псэущхьэ жьгъейхэмрэ.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.