Гуащэней

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
(урысхэм) Мария Темрыкъуэ и пхъу
Гуащэней
И лэжьыгъэр: урыс пэштыхьым и фыз
Къыщыхъуар: 1540-е
Къыздэхъуар: Къэбэрдей
Дунейм щехыжар: 1569 фокӀадэм и 6
Дунейм здехыжар: Александр и Слобода, Урысей

Гуэщэней Идар Темрыкъуэ и пхъу (джорпкӀэхэлъхьэм яуж — Мерэм ур-бз.: Мария Темрюковна, къыщыхъуа махуэр хэшъыкӀыншэ — дунем щехыжьар 1569 фокӀадэм и 6) — урысей пэштыхьым и фыз, Иуан Бзаджэм и етӀоанэ фыз.

Гъашъэм и тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Маухэ зытӀущ текӀауэ Иуан Бзаджэм и япэрей фызыр Анастасиэр дунем ехыжьа яуж, Къаукъазым ирегъажьэ Ф. Вокшеринрэ С. Мякитинрэ адыгэ пщыпхъухэм яхигъэплъэнху.

1561 бадзэуэгъуэм и 15 Мэзкуум къэбэрдей пщыпхъу Гуащэнейр къокӀуэ, и дэлъху СолӀтӀанкъул дэкӀыгъу. ДжорпкӀэхэлъхьэм яуж Мерэм траӀуэ, Магдалинэ Мерэм и цӀэкӀэ. Нысачэр а илъэсми яшъа, шышъхьэӀум и 21, шоджнышхуэ Макарийм иригъэкӀуэкӀауэ. 1563 гъэм пэштыхьыкъуэ Василий къэлъхур, ауэ мэзитӀ текӀауэ дунем йохыжь сабир.

1569 фокӀадэм и 6 Александровскэ слободам идежь Гуэщэнейр дунем ехыжь.

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]