Бзупагуэ
Къыздихар Уикипедиэ
| Бзупагуэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Pyrrhula pyrrhula Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Бзупагуэ (лат-бз. Pyrrhula pyrrhula) — бзупэгъум лъэпкъ, бзупагуэ лъэпкъыгъуэ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Унэбзум нэхърэ нэхъ пӀащэщ. Щхьэшыгур, кӀэр — фӀыцӀэщ, тхыцӀэр — къащхъуэ-щхъуэщ, кӀащхьэ, кӀэ щӀагъыр — хужьщ, щхьэбгъухэр, ныбэщӀагъыр — плъыфэщ. Анэм и теплъэм нэхъ щхъуэ-гъуэбжафэ къыщӀоуэ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Щопсэу Къаукъазым, Урысейм и уэздыгъей псей мэзхэм, Хъутейм, Японым нэгъуэщӀ хэкухэми.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Ӏусыр къэкӀыгъэщ: шыкӀуртӀымхэр, гулъхэр, тхьэпэ къыдэжагъащӀэхэр. Шырхэри зэрапӀыр аращ. ЩӀымахуэм жыжьэ мэӀэпхъуэ, апщыгъуэми къалэхэм, къуажэхэм я гъунэгъу жыг хадэхэм, паркхэм щалъагъу.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.