БзукӀэзэгуэх

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
БзукӀэзэгуэх
БзукӀэзэгуэх
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Жьыкъан лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: БзукӀэзэгуэххэр
ЛӀэужъыгъуэ: БзукӀэзэгуэх
Латин цӀэр
Oenanthe oenanthe Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 179814
NCBI 279966
Oenanthe oenanthe oenanthe

БзукӀэзэгуэх (лат-бз. Oenanthe oenanthe) — жьыкъан лъэпкъ, бзукӀэзэгуэх лъэпкъыгъуэщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ЗекӀуэрейщ, кӀэ кӀагуэ занщӀэщ, хужьыфэщ, и дамэ кӀапэр фӀыцӀэщ, кӀэ зэгуих хуэдэу фӀыцӀэ кусэ къыдохьэ. Гъатхэм, уэгум уэрэд жиӀэу къыщехыжкӀэ и дамэхэри кӀэри зэгуэхауэ къотӀысыж.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къэрал куэдым щопсэу. ЩӀымахуэр Африкэм, Ипщэ Азиэм, Азиэ Гъунэгъум щырех. Къаукъазым деж нэхъыбэрэ щыплъагъунущ мывалъэ псыхъуэхэм, къущхьэ хъупӀэхэм. БзукӀэзэгуэххэм абгъуэ щащӀ тафэ гъущэхэм, псы Ӏуфэ задэхэм, нэхъыбэрэ уащыхуозэ щӀыгум, мывэ зэтелъхэм, дзыгъуэгъуэу щытахэм, мывэ къыщӀэхыпӀэхэм, къыр зэгуэчыпӀэхэм, къуажэхэм деж — унащхьэхэм, пхъэ зэделъхэм.

Илъэсым тӀо къыреш. ШыщхьэӀум и кӀэхэм гуп цӀыкӀу-цӀыкӀуурэ зуагъуейхэурэ ипщэмкӀэ мэлъэтэж.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ӏус нэхъыщхьэр хьэпщхупщщ: цӀывхэр, щыгъыныхьхэр, хъэндырабгъуэхэр. Бжьыхьэм мэракӀуэ яшх.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.