Беслъэней пщыгъуэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Беслъэней къуажэхэр 1830-1850 гъэхэм. 1 — къуажибгъу Зас генералым губгъуэм иригъэкӀахэр; 2 — зи цӀэхэр гъэунэхуауэ щымытхэр.

БеслъэнейАдыгэ Хэкум и зы пщыгъуэщ, кӀахэ лъакъуэхэмрэ Къэбэрдей пщыгъуэмрэ я зэхуакум дэлъа.

Хэкумэтхыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Пщыгъуэм и гъунапкъэхэр ищхъэрэмкӀэ Псыжь и ӀуфэмкӀэ ирикӀуэт; ищхъэрэ-къухьэпӀэмкӀэ — КӀэмгуей пщыгъуэм (Мэхуэщ пщыгъуэри хиубыдэу); къухьэпӀэмкӀэ — Абдзахым; ипщэ-къухьэпӀэмкӀэ — Убых пщыгъуэм; ипщэмкӀэ — Азгъэ пщыгъуэм; къуэкӀыпӀэмкӀэ — Къэбэрдей пщыгъуэм (абыми Абазэ пщыгъуэ хиубыдэхэр хэту). Пщыгъуэм и ищхъэрэ лъэныкъуэр хъупӀэкӀэ бэгъуа Басэ губгъуэр хеубыдэ, ипщэмкӀэ — бгылъэ, мэз Ӏуву зэщӀэкӀауэ, Къаукъаз Ӏуащхьэшхуэ тхым нэсу. Псы нэхъ инхэр — Псыжъ, Лабэжъ, Уэрп, Инжыджышхуэ, Хуэдз.

Тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Беслъэней пщыгъуэм и зэфӀэувэкӀыу къэплъытэ хъунур XIII-XIV лӀэщӀыгъуэхэращ. Нэхъыщхьэ лъэпкъу пщыгъуэм щхьэщытар Къанокъуэхэрэ Шолэхъухэрэ Инал и къуэ Беслъэн къытекӀахэр.

Жылэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Беслъэней пщыгъуэм и жылэм нэхъыбу бжьыгъэкӀэ хиубыдэхэтэр адыгэхэрат (беслъэней лъакъуэр), абыхэм нэмыщӀу абазэхэр: Баг пщыгъуэм, Баракъей пщыгъуэм, Мысылбай пщыгъуэм, Къызылбэч пщыгъуэм, Там пщыгъуэм, Шэджырей пщыгъуэм щыщхэр.

Пщыгъуэм и лъэшыгъуэ зэманым жылу исам и бжыгъэр фӀыуэ гъэунэхуауэ щыткъым адыгэхэми абазэхэми ящыщ, ауэ 1830 гъэм щыщ тхылъым[1] егъэлъагъуэр лъэпкъхэм я бжыгъэр: адыгэхэр (беслъэней лъакъуэм щыщу) — 25, 000; абазэхэр: Баг пщыгъуэм щыщ — 5, 000, Баракъей — 7, 000, Мысылбай — 8, 000, Къызылбэч — 6, 500, Шэджырей — 5, 000. ЗэрыхъумкӀэ 1830 гъэм жылу пщыгъуэм исар 56, 500. Жылъэм и бжыгъэр гу лъытыгъэу зэрехъуэкӀ 1858 гъэм, абым щыщ тхылъым зэригъэлъагъуэмкӀэ[2] адыгэхэм (беслъэнейхэм) я бжыгъэр 5, 115 фӀэкӀа мыхъуу.

Пщыгъуэм и хэкӀуэдэгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Урыс-адыгэ зауэм и щӀэдзэуэм куэд темыкӀауэ Къэбэрдей пщыгъуэм урысыдзэр зэртеуэу Беслъэнейми и «Ӏыхьэ гуащӀэр» лъысащ. 1787 гъэм и фокӀадэ-жэпуэгъуэм Потиомкинымрэ Текелирэ Беслъэней пщыгъуэм теуахэ, абым щыщу япэува адыгэ-абазэ дзэр зэбгыраудри къуажэм я нэхъыбэхэр Уэрп, ИнжыджцӀыкӀу, Инжыджышхуэ я псыхъуэм дэтахэр хагъэкӀуэдащ губгъуи, жыг хади къамыгъанэу псори нафӀэм ирагъэхьащ. Абым папщӀэ 1787 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м Потиомкеным хуиӀуохуа II Екатеринэ беслъэнейхэм я нэхъыбэр Уэрп псыхъуэм и сэмырабгъу лъэныкъуэм икӀахэу, къэнэжахэр Къаукъаз губерниэм ирагъэтӀысхьащ.

МынэхъгуащӀэу хъуащ Коцырев зекӀуэ ищӀар Беслъэнейм 1824 гъэм мэкъуауэгъуэм и 18. Уэрпрэ Инжыджхэмрэ я псыхъуэм къыдэнэжа адыгэ-абазэ къуажэхэр Къанокъуэхэ, Дударыкъуэхэ, Кълышхэ яхэр. А зекӀуэм цӀыху 200 хэкӀуэда, 370 яубыда, шыуэ 600, жэм 1200, мэл-бжэн 10000 ирахуащ.

Яужырейуэ, Беслъэней пщыгъуэр хэзгъэкӀуэда хъуар 1828 гъэм и щакӀуэгъуэм Эмануэл генералым зекӀуэ ищӀаращ. Псыжъ икӀри Уэрп и псыхъуэм и ижьырабгъу лъэныкъуэр, Инжыджхэм я псыхъуэр иунэщӀащ, зы цӀыху къыдимынауэ. А и зекӀуэм беслъэней къуажэ 210 хигъэкӀуэдащ.

1859 гъэм, урысыдзэм зыкъырагъэлыным папщӀэ Беслъэней пщыгъуэм щыщу къэнэжа къуажэхэр, Хуэдз и псыхъуэм дэсау урыс ӀэнатӀэгъуэм щӀэхьэну гугъэ ящӀащ, ауэ 1860 гъэм урысей лъэныкъуэм унафэ яхуищӀащ къуажу хъуар къущхьэ-мэз щӀыпэхэм къыдэкӀыу губгъуэм итӀысхьэнэу. Губгъуэм зэрагъэтӀысхьэм папщӀэ жылэм и нэхъыбэр ныкъуакъуэ хъуащ дэкӀын ямыдэу, апщыгъуэм урысхэм унафэу ягъувар е губгъуэм йокӀхэр е Тыркум. 1861 гъэм макъуауэгъуэм и 22 Лихутин пашэр баталионибгъу лъэсыдзэу, 150 къэзакъхэу, эскадронитӀ, топ-Ӏэшэ 14 дэщӀыгъуу беслъэней къуажэхэр къыхъурейхьащ пхырыкӀыпӀэ зы лъэныкъуэмкӀи ямыӀэу. Мэкъуауэгъуэм и 23 къуажу хъуар Каладжинскэ быдапӀэм деж къыдагъэкӀа. Унагъуэ зы бжыгъэ губгъуэм итӀысхьэн зыдахэр Бескорбнэрэ Попутнэрэ станицэ зэхуакум ягъэтӀысахэ, адрейуэ хъуар Прочный ОкопкӀэ Псыжъ и ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ Темэн нагъэсри аткӀэ Тыркум ирагъэкӀахэщ[3]

Гулъытыгъуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  1. Из сведений Генерального Штаба Отдельного Кавказского Корпуса. 1833 год.(урыс.)
  2. Кавказский календарь на 1858 год. Статья Адмирала Пет. Берже.(урыс.)
  3. «Военные известия из кубанской области» Военный сборник, № 9, 1861.(урыс.)

Тылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Хатко С. Бесленей — мост Черкесии. ТхылътедзапӀэ «Полиграф-Юг». Мыекъуапэ. 2009 гъэ
  • Дубровин Н. Черкесы (адыге) «Документы и материалы по истории адыгов». Япэрей тхылъ. Налшыч. 1991 гъ.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]