Беслъэней (къуажэ)

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къуаджэ
Беслъэней
Къэрал Урысей
Федерациэм и субъект Къэрэшей-Шэрджэс
Муниципал къедзыгъуэ Хьэбэз къедзыгъуэ
Кординатхэр Кординатхэр: 44°14′46″ с. ш. 41°44′29″ в. д. / 44.246111° с. ш. 41.741389° в. д. (G) (Я)44°14′46″ с. ш. 41°44′29″ в. д. / 44.246111° с. ш. 41.741389° в. д. (G) (Я)
Щыхалъхьар XIX лъэхъэнэ
Лъэпкъхэр адыгэхэр, абазэхэр пэмыкӀхэр.
динхэр мыслъымэныгъэ
Зэманыгъуэр UTC+3
Почтэ индексыр 369429
Автом и кодыр 09
ОКАТО 91 401 000
Беслъэней (къуажэ) (Урысей)
Беслъэней (къуажэ) (Къэрэшей-Шэрджэс)

Беслъэне́йКъэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз къедзыгъуэм хэт къуаджэ. Инджыджышхуэ и ижьырабгъу лъэныкъуэ Ӏуфэм Ӏут. Краснодар къэралым и гъунапкъэдыдэм Ӏухьу.

ЦӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

1920 гъэхэм Тхьэстыкъуей къуаджэм и цӀэр Беслъэнеуэ зэрахъуэкӀ комунизмым къыхэкӀыу (пщыхэм, лъакъуэлъэшхэм я унэгъуэцӀэхэр къуаджэхэм трахын кӀадзэ). Ӏэташъхьэм япэреуэ джылэм хуадэкъым къуаджэм Беслъэней фӀашъыну, Къанокъуэ Беслъэн ицӀэкӀэ фӀашъу ягугъу, ауэ джылэр къимыкӀуэту «адыгэ лъэпкъым и зы къудамэ дызщыщым и цӀэ джоуэ» къуаджэм Беслъэней траӀуэ.

Тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Иджырей Беслъэней къуаджэр щыхалъхьар XIX лъэхъэнэм и етӀуанэ Ӏыхьэм.

Къуаджэр зеуэ щытар Тхьэстокъуэ Азнэур. 1844 гъэ нэгъунэ къуаджэр Абэшыр и ӀэхъупӀэ тхым и гъунэгъу хэта, Уэрпым Булваркэ псыр здыхэлъадэм дежь[1]. Яужым къуаджэр Урысей ӀэнатӀэм УэрпымкӀэ нэхъ ирегъэхри егъэтӀыс Отраднэ станицэм игъунэгъу, илъэс зытӀущ текӀауэ къуаджэр Джан-Джол бгым идежь ягъэтӀысыр, къуаджэм и щысыпӀэр Урысей Ӏэташъхьэм ирэ зэрахъуэкӀа, иджырей и щысыпӀэр ебгъуанэ мэхъур.

Иджырей Беслъэней къуаджэм хьэблищ зхиубыду щыт, ахэр: Богупсей (къуэджапшъэ), Тхьэстыкъуей (къуэджэку/къуэджэкӀэ), Тэркъаней (къуэджэкӀэ). Къуаджэр щагъэтӀысым беслъэнейхэм щымыхъукӀэ абазэ, нэгъуей, къэбэрдей унагъуэхэри хагъэтӀысхьа.

ЕДЗ-м и зэманыгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

1942 гъэм и шышъхьэӀум Адыгэ аутоном къедзыгъуэм гъогу пхырыкӀт Курджы ССР-м кӀуэуэ, абымкӀэ Ленинград блокадэм хэтам сэбийхэр ирачу. Беслъэней къуаджэм ипэмыджыжьу гъогум ирикӀуэ зы гу къэувэӀа, 32 сэби ису, тхьэмахуэ бжыгъэкӀэ гъогу тета сэбихэр нэхъыбу сымаджэхэт, куэдыр хьэлъу. А хъыбарыр кӀэху къуаджэм нэса, джылэр зэхуэсри унафэ яшъа сэбихэр унагъуэ-унагъу зэбгыраху къуаджэм къагъэнэн.

Сэбихэр къуаджэ-тхылъым иратхахэ я цӀэ-унэгъуэцӀэхэр зэрахъуэкӀри, джэрмэн къынэсхэм щахъумэным шъхьэкӀэ.

Абым папшъу 2010 гъэм, нэкъыгъэм и 7, Беслъэней къуаджэм сын зэӀуаха.

Джылэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Дылу къуаджэм дэсыр 3, 175 цӀыху (2002 гъ.)[2]

Абым, лъэпкъкӀэ:

Къуаджэм щыщ цӀэрыӀуэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Гулъытыгъуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  1. С.Х. Хатко. Бесленей — мост Черкесии. Нап. 364/367. Мыекъуапэ. 2009 гъ.
  2. Этнокавказ. Къ-ШР-м лъэпкъ дэсхэм я бжыгъэхэр, джылэбжыгъэ 1926-2002 гъэхэмкӀэ