Бгъэнбзунабдзэху
Къыздихар Уикипедиэ
| Бгъэнбзунабдзэху | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Acrocephalus melanopogon Temminck, 1823 | ||||||||||||||||
|
Бгъэнбзунабдзэху (лат-бз. Acrocephalus melanopogon) — вэд лъэпкъым щыщ, бгъэнбзу лъэпкъыгъуэм къыхэкӀ бзу.
Теплъэр [гъэтэрэзын]
И теплъэкӀэ бгъэнбзум ещхьщ, ауэ нэхъ цӀыкӀущ. ТхыцӀэм нэхъ тэхуфэ къыщӀоуэ, щхьэщӀыбыр гъуабжэщ, кусэ фӀыцӀафэхэр къыхэщу. Хъумрэ анэ я теплъэхэр зэхуэдэщ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Къауъказым деж нэхъ здалъагъур Тэрч, Псыжъ Ӏуфэхэу чыцэ, къамыл, нэгъуэщӀ псыӀэ къэкӀыгъэхэр къызэбэкӀ щӀыпӀэхэрщ. ДжэдыкӀи 3-6 егъэтӀылъ мэлыжьыхьым и кум деж, абыхэм тхьэмахуитӀ хуэдизу тесщ. Абгъуэр псым щхьэщыт бгъэнхэм, чыцэхэм хещӀыхьыр.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.