Бгъащхъуэ
| Мы тхыгъэр ихын хуэйуэ къалъытэ. Ар зытеухуар уздеджэфынур напэкӀуэцӀым Википедиэ:Ихын хуэйхэр. Абы и тепсэлъыхьыныр ямыух кӀышъэ тхыгъэм упылъыфыну, нэхъыфӀ пшъыным шъхьэкӀэ, ауэ и цӀэр зэпхъуэкӀын, зытепсэлъыхьыр ипхын умыгузавэ, еплъ пщӀэн хуэйхэм и пэублэ. Тепсэлъыхьыныр ямыух щыкӀэ тхыпхъэм мы дэмыгъэр тевмых. |
| Бгъащхуэ | ||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||
| Aquila nipalensis Hodgson, 1833 | ||||||||||||||
|
Бгъащхъуэ (лат-бз. Aquila nipalensis, ур-бз.: Степной орёл) — псэушъхьа, шакlуэ-бзу, бгъыхэм ящыщ.
Хэтхахэр |
Аплъэпкъыр [гъэтэрэзын]
Икlыхьагъыр см. 60 - 85, дамэм икlыхьагъыр см. 51 - 65, ихьалъагъыр кг. 2, 7 - 4, 8 мэхъур. Бгъашъхъуэхэм я бзыхэр хъухэм нэхъри нэхъ ину щытхэ.
Бгъашъхъуэхэм яфэр (илъэсипlлlым къыщыкlэдзауэ) гъуабджэ-кlыфlу щыт, шъхьакlыбым цы плъыжь хэт куэдхэм, дэмашъхьцхэмрэ, дамэм илъэныкъуэцхэмрэ гъуабджэ-кlыфхэ, якумкlэ псыфэ хэлъу ирикlу. Нэм ихъуреягъыр гъуабджэ-гъуэжьыфу щыт, ипэр псыфэ-фlыцlэ, лъэбжъанэхэр фlыцlэ, лъакъуэхэм фэр гъуэжьу щыт. Япэрей гъэм чырхэм яфэр гъуабджэ-пшэхъуафу щыт, цыхэм гъуэжь хэпхъауэ, дамэ илъэныкъуэцхэр гъуабджу щытхэ, ягъунэхэр гъуэжьу.
Здэпсохэр [гъэтэрэзын]
Бгъашъхъуэхэр иипшъэ шlыпlэхэм щыlахэр гъэпсом щыпсэуху щыт, ишъхъэрэмкlэ щыlахэр шlымахуэм мэкуэчхэ. Бын къэздырач лъэныкъуэхэм Сыбырым ипшъэ-къуэкlыпlэмрэ ипшъэ-къуэхьапlэмрэ, Азиэ Курытыр, Китайм икъуэхьапlэ лъэныкъуэм щыщ, ишъхъэрэ-къуэхьапlэ, ипшъэ, курыт Африкэр, Индиэр джоуэ хеубыдэ. Бгуъэхэр шlым, пабжъэхэм, бгъуэнхэм, мэкъу lатэхэм щешъыр, зэзэмызэкlэ жыгхэм иэ столбэхэм.
Джэдыкlэхэр щагъэтылъыр (къуэхьапlэ лъэныкъуэхэм) - мэлыжьыхьым икlэхэм, (къуэкlыпlэ лъэныкъуэхэм) - нэкъыгъэм икухэм. Игъэтlылъыр джэдыкlыу 1 - 2, яфэр хужьу, гъуабджэ хэпхъауэ. Махуэ 40 - 45 тес. Чырхэр бгъуэм мэзитl хуэдизкlэ къонэхэ.
Яшхыр [гъэтэрэзын]
Нэхъыбэм зэшъакlэхэр дзыгъуэхэм, тхьакlумэкlыхьхэм, нэхъ макlыу бзу мы инхэм, блэ, щындырхъуэ амэ...
Статусыр [гъэтэрэзын]
Псоушъхьа кlуэдхэм ящыщ, шlыпlэ здэпсоуэ хъуам макlэ мэхъухэ