Аслъан ЛӀыбзэу

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Аслъан ЛIыбзэу къызыхэкӀар)
ЛӀыбзэу Аслъэн
Сурэт
И лэжьыгъэр: джэгуакӀуэ, усакӀэ
Къыщыхъуар: 1981 щӀышылэм и 24(1981-02-24) (43 гъ.)
Къыздэхъуар: Джэджэхьэблэ, Адыгэ республикэ
Дунейм щехыжар:

ЛӀыбзэу Аслъэн (урбз. Аслан Тлебзу, ин-бз. Aslan Tlebzu, 1981 щӀышылэм и 24) — усакӀэ, адыгэ пщынауэ Урысейэм щыщ. НэпэрамкӀэ, ежь пщынауэ янэхь хэӀуагъхмэ ящыщ.

Къыздэхъуар Адыгэ республикэм и Теуцожъ къедзыгъуэм хэт Джэджэхьэблэм. Адыгэкъалэм школрэ мэкъамэ школрэ къиуха яуж Адыгэ Къэралыгъуэ ЩӀэнхабзэ университетым щӀэхьащ, фэкултет «Макъамэрэ мэкъамэ щӀэныгъэрэ».

Еджэхун зэманыгъуэм «Ошъутенымрэ» къэфакӀуэ гупымрэ яхэтащ, абым нэмыщӀу къафэмрэ уэрэдымрэ и Къэралыгъуэ ансамбыл «Ислъэмейми» хэтауэ щытащ пшынауэу.