Андэгурэ
| Андэгурэ | ||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||
| Bunias orientalis Linnaeus |
||||||||||||
|
Андэгурэ (лат-бз. Bunias orientalis) — гъитӀкӀэ е нэхъыбэкӀэ къэкӀ удз лӀэужьыгъуэщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Сантиметрэ 80-100-м нэсыхукӀэ докӀей, и пкъым и щхьэкӀэм мэкъуауэгъуэм гъэгъа гъуэжьхэр, Ӏэраму зэхэту, къыпедзэ. И лъабжьэ гъумыр куууэ йокӀых. ИщӀагъкӀэ щӀэт тхьэмпэхэр инщ, кӀыхьщ, лэдэх яӀэщ, ищхьэкӀэ тетхэр нэхъ цӀыкӀущ. И жылэхэр гъэмахуэкӀэм, бжьыхьэм мэхъу, я теплъэкӀэ хъурей цӀыкӀухэщ, я фэкӀэ гъуабжэщ е фӀыцӀэщ.
КъыздэкӀыр [гъэтэрэзын]
Губгъуэхэм, мэкъупӀэхэм, мэз лъапэхэм, хуейхэм, бгыщхьэхэм къыщокӀ.
Къэгъэщхьэпэгъуэр [гъэтэрэзын]
Андэгурэпкъыр, гъэгъахэр къыпимыдзэ щӀыкӀэ, адыгэхэм, абазэхэм, къэрэшейхэм, балъкъэрхэм яукъэбзурэ яшх, коротин, витамин зэмылӀэужьыгъуэхэр хэлъщ. Адыгэхэм андэгурэпкъыр хущхъуэу, маркуэхэр ирагъэкӀуэду, къагъэщхьэпэ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Эльбрус». Налшыч 1992 гъ.