Адыгэ ермэлхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Адыгэ ермэлхэр
зэрзэджэжьхэр: Хай
Лъэпкъпсом и бжыгъэр: 50,000
Здэпсохэр: Урысейм (Мыекъуапэ, Ермэлхьэблэ)
Бзэр: Адыгэбзэ
Диныр: Чыристэныгъэ
Зыхэхьэр: Ермэлхэр

Адыгэ ермэлхэр (ябзэмкӀэ хай, ур-бз.: Черкесогаи) — ермэл лъэпкъ цӀыкӀухэм ящыщ. XV лъэхъэнэм икӀэм къыщыкӀэдзауэ Ишъхъэрэ-КъуэхьапӀэ Къаукъазым щопсоухэ (иджырей Краснодар къэралымрэ Адыгей къэралымрэ). ЯужкӀэ ермэлы куэчахэм ямыхьчу, къахэкӀыу щытхэ. Я бзэм адыгэбзэм щыщу куэд хэлъ. Я аплъэпкъымкӀэ Ишъхъэрэ Къаукъаз лъэпкъхэм нэхъ яхьчу щытхэ: я пэхэр нэхъ занкӀыу, лъагэху. Зэрыхъухэр мин 50 хуэдиз (2008 гъэмкӀэ къызэралъытэмкӀэ) Нэхъыбу здэпсохэр Ермэл-хьаблэрэ (Армавир къ.) Мыекъуапэрэ

Тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Лъэхъынэ курытхэм къыщыкӀэдзауэ ермэлхэр къэралхэм зэбгырыкӀын, куэчын кӀадзэ. Хом-хомурэ Къаукъазым Ипэмрэ, Ишъхъэрэ лъэныкъуэмрэ ермэлыхэм я тӀысыпӀэ мэхъу. Ермэлыхэм я куэчыныр къызхэкӀар тыркухэмрэ къажэрхэмрэ чыристан лъэпкъхэр я шӀыпӀэхэм ирахун щыкӀадзам. ЗэралъытэмкӀэ Ишъхъэрэ-КъуэхьапӀэ Къаукъазым ермэлыхэр щыхэтӀысхьар XV лъэхъэнэм, Кърымым къыикӀаху, тырку ӀанатӀэр кърым хъанхэм яде щызэфӀэувам. Апщыгъуэм идежь Крымым зэгуэрэм нэхъыбу иса чыристэн лъэпкъхэр (алыджхэр, ермэлхэр, кърым-готхэр) я псэукӀэр зэӀохьари икӀын кӀадзэ. Тхыдэм зэритымкӀэ 1475 гъэм тыркухэм Кърымыр щаубыдым (япэкӀэ католик генуэзхэмрэ чыристан къэрал Феодоромрэ яӀыгъар) джылэ-унагъуэ исахэр ирахын кӀадза. Ермэлыхэр куэду Молдавымрэ Лэхьыймрэ икӀын кӀадза. Апхуэду ермэлыхэм ящыщ гуэрэхэр адыгэхэмрэ абазэхэмрэ яхэтӀысхьа хъуа, а лъэхъэнэм адыгэ-диныжъым иэ чыристан-диным пылъахэм. Ермэлы куэчахэр илъэс 300 адыгэхэм яхэсахэр адыгэбзэ, хабзэ... адыгэхэм я псэукӀыу хъуэр къашта, ауэ лъэпкъ къызхэкӀамрэ я динымрэ (ермэл-григориан) къагъэнакъым, апхуэдэм яужкӀэ къыхокӀыр ермэл-лъэпкъыр "адыгэ-ермэлы" (ур-бз. черкесогаи).

Здэпсоуахэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хьаблэ здыдэсахэр: Гъур-Хьаблэ, Хьатикъуай, Еджэрыкъуай, Хьаджы-хьаблэ, Эним, Шокон, Псыхутыгу. Абы пэмыкӀыу ермэлы хьаблитӀ Хъулъыжъый (ур-бз. Геленджик) идежь щыӀа - Азэтыхъурэ Бжъэтыхъурэ. А-ермэлхэм адыгэхэм я хабзэмрэ фашэмрэ загъэпэшауэ зэрахьат, я псэлъэкӀэ зэфӀэувауэ адыгэбзэм. Лъэпкъым я нэхъыбэр хадэ, щэхуэн Ӏашъагъэхэм елъэжьхэт адрейхэр лъэжьыгъэхэм пышъатэкъым, Болэтыкъуэ Джэмболэт пщым иуэркъ-шъауэгъуэм иныкъуэр а-ермэлыхэм ящыщт, яужкӀэ Ермэл-хьаблэрэ (Армавир къ.) къызхэкӀар ахэра.

ЦӀэрыӀухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Богъарсыкъуэ лъэпкъ